Нусэ

Автор - Залимхан Дышеков

Исполнители: Амирхан Хавпачев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Уи медалйоныри (уорайда) уи бгъэгумэ илъырэт, (уей)

Уэркӏэ сигум илъыр, Нусэ, даурэ къозгъэщӏэну, сипсэ?

Дапщэ зы дыхъуну, Нусэ? (уей)

Уи бостей факӏуэмэ (уорайда) тхыпхъэхэр ибэрэт, (уей)

Жагъуэгъухэр ди бащэщ, Нусэ, фӏы къытхужамыӏэ, сипсэ.

Жаӏэм уемыдаӏуэ, Нусэ. (уей)

Уи туфлэ цӏыкӏури (уорайда) лъэдакъэ мащӏэрэт, (уей)

Уэ уи лъагъуныгъэр гуащӏэщ, сэ къызомащӏэкӏыр, сипсэ.

Уэркӏэ зэхызощӏэ, Нусэ. (уей)

Уи пшынэ фӏыцӏэри (уорайда) уогъэшэрашэрэ, (уей)

Сэ уэ укъэсшэнут, Нусэ, псэгъу щызыхуэпщӏынум, сипсэ.

Щӏэгъу сэ усщӏынут, дахэ. (уей)