Дотэху и уэрэд

народная песня

Исполнители: Зарамук Кардангушев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

1. Ипщэкӏэ сыдэплъеямэ,

Коммунэхэр пшагъуэ гуэрэнымэ,

Дотэхур шу гуэрэнышхуэу

Кубанскэмкӏэ екӏуэкӏыжа мыгъуэщ.

2. Дыщэурэ си ӏэлъын дахэри

Ӏэрызохри куэщӏым изодзэ,

Дотэхур си гум къридзэмэ,

Си фэ дахэм зызэредзэкӏ мыгъуэ.

3. Мофурэ си бостей фӏыцӏэр

Щӏы фӏыцӏэжьым нытызолъафи,

Коммунистхэр си гум дэзгъафэурэ,

Дотэхур си фэм къеӏуатэр сэ.

4. Мофурэ си бостей фӏыцӏэри

Щӏы фӏыцӏэжьым нытызолъафэри,

Дотэхум къысхуилъэфахэри

Коммунистхэм ялъэфыжа мыгъуэщ.

5. Жэзурэ си сэмэварри

Бахъаем къызэгуеудри,

Си гущхьэр зэгуэмыудурэ

Дотэхур фэ къысхуэфшэж мыгъуэ!

Иджы мыдрейр Сэбаншы Михаил жиӏэу зэратхыжаращ:

1. Хужь-хужьурэ си бостей цӏыкӏур

Щӏы фӏыцӏэжьымэ нытызолъафэри,

Си гъащӏэмэ къэслъэфа тӏэкӏури

Коммунистым ялъэфыжа мыгъуэт.

2. Вальцовкӏэурэ мы ди щхьэлышхуэмэ

Вабдзэуэ куэдым загъэкӏэрахъуэри,

Кӏэдетхэр къэкӏэрэхъуэжтэмэ,

Дотэхури къыздахьыжынтэкъэ.

3. Мыдэкӏэрэ, си туфлъэ цӏыкӏур,

Уей дуней, лъэдакъэ лъагэрэ,

Мыдэкӏэ, фитон лъагэшхуэмкӏэри

Дотэ закъуэр ису даша мыгъуэщ.

4. Мыдэкӏэрэ, си щхьэцыгъуэшхуэри,

Уей дуней, си плӏэм дэмыхуэрэ,

Си Дотэхур си гум къридзэми

Сэреижьымэ сыдэмыхуэж мыгъуэ.

Дэ псоми фӏыуэ зэрытщӏэщи, ди адыгэ уэрэдхэр ди тхыдэм быдэу пыщӏащ, къыгуэхыпӏэ имыӏэу. Тхыдэ лъабжьэ гуэрым къыщемыжьауэ е ӏуэхушхуэ щыӏа абы щхьэусыгъуэ хуэмыхъуауэ, зы уэрэди къежьауэ ди зэман кӏуам къыхэбгъуэтэнукъым. Лъэпкъым и нэгум щӏэкӏа псори бэм ихъума ди уэрэдхэм къахощыж. Аращ уэрэдыр тхыдэм и гъуджэщ щӏыжытӏэр. Абы и лъэныкъуэкӏэ хъыбархэм нэхърэ уэрэдхэр куэдкӏэ нэхъ пэжщ. Апхуэдэщ мы зи гугъу тщӏынури - «Дотэху и уэрэдыр». Гугухэ Дотэху революцэм и пэкӏэ Кушмэзыкъуей хуабжьу хуэкъулейуэ дэсащ. Тыкуэнышхуэ, щхьэл хьэлэмэт иӏащ.

Революцэри къэхъуащ, абы и ужьым кӏэщӏу иту граждан зауэри къыкӏэлъыкӏуащ. Дзэ плъыжьым и 11-нэ армэр хужьыдзэхэм ебгъэрыкӏуэрт. Къакӏуэрт ахэр зыхуэзэр зэтракъутэу. Къэбэрдей щӏыналъэм гъунэгъу къыщыхуэхъум, ди пщыжь-уэркъыжьхэр щӏэпхъуэу, Новороссийсккӏэ хэкум щикӏын хуейуэ ирихулӏащ.

Дотэху, революцэм и бийуэ зыри имыщӏами, мылъку къуэлъым и зэран къекӏынкӏэ шынэри, и тыкуэнышхуэр зэхуищӏщ, и фитон лъагэшхуэм зридзэри дэжащ. Дэжщ, хужьыдзэм зыхигъэпшахъуэри, хэкум икӏащ.

Мыдэкӏэ къэна и щхьэгъусэ Быхьэт (пшынауэ ӏэзэт) пшынэ еуэу, и шыпхъу Муслъимэт абы жьэкӏэ дежьууэ уэрэд яусащ. Уэрэд зи гугъу тщӏым и макъамэр пасэм Адыгейм щаусауэ щыта «Мэремыкъуэм и уэрэдым» ейм зыкъомкӏэ тохуэ. Ар гуӏэгъуэ къэзыӏуатэ гъыбзэм и макъамэщ.

Уэрэдыр псынщӏэ дыдэу Къэбэрдейми Шэрджэсми щызэлъащӏысащ. Ар пшынэм иралъхьэри, къафи ящӏыжащ. Иужькӏэ «Дотэху и къафэ» жаӏэу дэнэ лъэныкъуэкӏи щагъэзащӏэ хъуащ. Уэрэдыр лӏэужьыгъуэ ӏэджэу зэщхьэщыкӏауэ иджыри пшынауэ куэдым ягъэзащӏэ. Радиокӏи къату зэхэфхагъэнщ, Пщыхьэщӏэ Мухьэжыр игъэзащӏэу. Ауэ псом нэхърэ нэхъыфӏу мы къафэр зыгъэзащӏэр Иорданием щыпсэу Ӏэбыдэ Хьэбидэтщ.

Мы «Дотэху и уэрэдыр» къежьэнутэкъым, езы Дотэху хэкум имыкӏыжамэ. Дотэхуи хэкур ибгынэн хуей хъунутэкъым, граждан зауэр мыхъуамэ. Аращ-тӏэ, дунейм къыщыхъу псори зыгуэркӏэ зэпыщӏащ. Ахэр ди блэкӏащ, ди тхыдэщ, зэпхъуэкӏи хъунукъым.

Мы уэрэдым и ныкъуэр сэ сыщыцӏыкӏум си къуэш Бэчмырзэ жиӏэжу зэхэсхыу щытауэ сигу къинэжати, радиом щезгъэтхыжащ, адрей и ныкъуэр Аргудан къуажэм щыщ Сэбаншы Михаил жиӏэжу Нало Заур магнитофонкӏэ итхыжауэ, тхылъ дгъэхьэзырым тӏури теддзэнущ. Мыращ а уэрэдым щыщу сэ сщӏэжыр.

Источник: «Адыгэ псалъэ», 1997 гъэм мэлыжьыхьым и 26.