Хьэблэ щӏалэр доджэгу

Псалъэхэр зытхар - Сонэ А.

Макъамэр зытхар - Молэ В.

Исполнители: группа "Алтуд"

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Ди ныбжьэгъум къишащи, хьэблэ щӏалэр доджэгу.

Хъыджэбз хьэщӏи ди куэдщи, щӏыдогъэплъыр ди лъэгу.

Уей, жи, ӏэгу, жи! Хьэблэ щӏалэр доджэгу.

Уей, жи, уий, жи! Щӏыдогъэплъыр ди лъэгу.

Ныш къэзышэу къеблагъэм, фи гъуэгубжьэр къэфший,

Нэчыхьытхыу гуфӏэгъуэщ – фэдгъэчынкъым зы тхъий.

Уей, жи, ӏэгу, жи! Фи гъуэгубжьэр къэфший.

Уей, жи, ӏэгу, жи! Фэдгъэчынкъым зы тхъий.

Догушыӏэр, доуджыр, хъыджэбз дахи дылъохъу,

Мы джэгушхуэр зи фӏыщӏэр ди ныбжьэгъущи – фехъуэхъу.

Уей, жи, ӏэгу, жи! Хъыджэбз дахи дылъохъу,

Уей, жи, уий, жи! Ди ныбжьэгъум фехъуэхъу.

Ди къэшэнхэм ныжэбэ пӏалъэ быдэ ядот,

Зэгурыӏуэ щыхьэту бэлътоку цӏыкӏуи къыдат.

Уей, жи, ӏэгу, жи! Пӏалъэ быдэ ядот,

Уей, жи, уий, жи! Бэлътоку цӏыкӏуи къыдат.

Си псэм хуэдэу си дахэр къыздэкӏуэнущ пщэдей,

Мы гуфӏэгъуэр зэфӏэкӏмэ, джэгу фынакӏуэ ди дей.

Уей, жи, ӏэгу, жи! Къыздэкӏуэнущ пщэдей,

Уей, жи, уий, жи! Джэгу фынакӏуэ ди дей.

Источник: @zhygue