Уэркъызокъуэхэ я гъыбзэ

народная

1.Мы дунейуэ дызытет

Цlыху тетхэр токlуэдыкl

Тенджызитlым пшагъэу дэкlрэр

Ди унапlэрэ губгъуэм дис...

 

2. Уэ си шыпхъурэ Фатlимэт

Унэ блыныр къыбоикl

Мы купыжь мыгъуэу сызэрылъ

Лъыпс фlыцlэкlэ къызикlажъ.

 

3.Уэ си шыпхъурэ Фатlимэт

Укъысхуэгъыурэ ущымыс

Пшынэ фlыцlэр уи куэщl илъхьи

Гъыбзэ дахэм къыдежъыу!

 

4.Шэшнакъыр къыщискlутым

Шэр къыптеху мыгъуэр къызжепlа

Шэ фlыцlэжъ мыгъуэр къыщыстехуэм..

Уэ уи гъыбзэр си гу къэкlажъ

 

5.Пщэдгыжьым си псы къэхь

Пщыхьэщъхьэр си пхъэ къут

Щъэгъум и гъуэ къыщыскlэ

Хужэ дежкlэ срокlуэкlыж!

 

6.Мы пшэгъуэлэу сызытес

Мы купыжъхэм я зогъагъ

жьыуи лъэси си гъусахэр

Сэ къызалъорэ сыкъэнащ!

 

7.Мы купыжь мыгъуэу сызэрылъ

Сыдэплъеймэ уафэ щхъуантlщ

Джэнэтыпскlэсамыгъэпскlыу

Лъы фlыцlэжькlэ зызгъэпскlащ!

 

8.Си кlуэдыкlэр къэстхыжынт

си lэр мыгъуэ спымытыж

Сы къэтэджыурэ къэскlухьынт

Си лъэ мыгъуэр спымытыж!

 

9.Си ныбжьэгъурэ си Хьэмид

Гъащlэ уиlэмэ бгъэзэжынщ

Ущыкlуэжкlэ ди дей дыхьи

Си кlуэдыкlэр схуажеlэж!

 

10.Уэ фlы слъагъуу си lэкум

Уы дэмыкlуэжыурэ ущымыс

Дэнкlэ укlуэмэ си lэлуцэр

Си фэ еплъурэ зыщlыгъэгу

 

11.Си бын закъуэурэ си lэлуц

Уэ уи адэр шэм ихьащ

Уи жьэ цlыкlухэр къэбужьейкlэ

Хэт мыгъуэ уиlэтын!

Источник: Одноклассники.ru - Группа "Хэкурэ - Хабзэрэ"