Кхъыӏэ уӏумыкӏыж

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Уэ зэ уӏумыкӏыж,

Тӏэкӏу иджыри дыщыгъэсыж.

Зыгуэр къызжеӏэ, фӏыуэ слъэгъуа,

Си гъащӏэ нэху зыщӏа.

Пшапэр хуэм-хуэму зэхоуэр,

Бгыпэм дыщызэхуос.

Сэ услъэгъуну къысфӏэщӏу

Псынщӏэу сыкъос.

Къызэплъ си дахэкӏей,

Къысхуэгуфӏэт, сэ си дуней.

Зыгуэри жыӏэ, фӏыуэ слъэгъуа,

Си гъащӏэ нэху зыщӏа.

Пшынэм и макъым зеӏэтри

Щӏалэхэми я лъэр мэплъ,

Мазэри уэгум къоплъыхри

Къафэхэм йоплъ.

Дыщытщ, дызэхоплъэж,

Жытӏэн ауэ зы тхулъэмыкӏ.

Зыгуэри жыӏэт, фӏыуэ слъэгъуа,

Си гъащӏэ нэху зыщӏа.

Пшынэм и макъыр мэужьыхыж,

Ешу къэфахэр унэм мэкӏуэж,

Емызэшыжыр Шэрэджщи,

Хъущӏэу йожэхыр уей.

Гурыщӏэ ӏэфӏым и нурыр

Си псэм зэ къегъэщӏэж,

Псэм и ӏэфӏыр уэстащи

Пхуэзмыщӏэн щымыӏэж.

Къызэплъ, си дахэкӏей,

Къысхуэгуфӏэт, сэ си дуней,

Зыгуэри жыӏэ, фӏыуэ слъэгъуа,

Си гъащӏэ нэху зыщӏа.

Уэ зэ уӏумыкӏыж,

Тӏэкӏу иджыри дыщыгъэсыж.

Зыгуэр къызжеӏэ, фӏыуэ слъэгъуа,

Си гъащӏэ нэху зыщӏа.

Скачать MP3 в исполнении Аниуара Кагазежева

Ключевые слова: Кхъы1э у1умык1ыж, КхъыIэ уIумыкIыж, Кхъыlэ уlумыкlыж