Мишэ

народная песня

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

1.Мишэ, уи шинелыр,

Мишэ, уи шинелыр,

Тӏэкӏу зэрыпхуэкӏыхьрэ уехъулӏащ,

Уэ уи гъащӏэр кӏыхьмэ,

Сэ си гъащӏэр кӏэщӏмэ,

Мишэ дэзмыхьынум, сунэхъуащ.

2. Си ныбжьэгъу хъыджэбзхэр,

Си ныбжьэгъу хъыджэбзхэр,

Школым щызэдоджэ, сехъулӏащ,

Асият къызэджэу,

Жылэр къызэгуэууэ,

Самыгъуэтым ину сехъулӏащ.

3. Си ныбжьэгъу хъыджэбзхэр,

Си ныбжьэгъу хъыджэбзхэр,

Стӏолым щызэдотхэ, сехъулӏащ,

Ди тӏум ди нэчыхьыр

Налшык щедгъэтхауэ,

Мишэ дэрэ поездым дотӏысхьэж.

4. Си ныбжьэгъу хъыджэбзхэр,

Си ныбжьэгъу хъыджэбзхэр,

Стӏолым щызэдотхэ, сехъулӏащ,

Къэрэндащкӏэ сытхэурэ,

Конторэм сыщӏэсурэ,

Мишэ къэзгъуэтащи сехъулӏащ.

Уэрэдыр дэзыгъэтхыжар Жылэхьэж Тӏатӏэщ, Къудей Мэрят, Къарэжь Лимжан, Щад Кӏушэ, Кӏэмпӏарэ Зое сымэ ежьухэу. Апщыгъуэм абыхэм илъэс 16-17 я ныбжьт, Курп Ищхъэрэ къуажэм щыпсэухэрт.

Источник: https://zdamsam.ru/b45257.html

ключевые слова: зэрыпхуэк1ыхьрэ