Сыт зищӏысыр лъагъуныгъэр?

Автор - Хасанби Шомахов

Исполнители: В. Сосмакова и А. Отаров

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Сыт зищӏысыр лъагъуныгъэр? –

А жэуапым сехь,

Сыт гухэлъыр щӏэхъур мафӏэ,

Гугъэр хъуауэ кӏыхь?

Лъагъуныгъэм и зэ плъэгъуэр,

Жаӏэр мафӏэ бзийу,

Мазэ ныкъуэр и дахагъми, -

Псынэ щӏыӏэу дийу.

Сыт зищӏысыр лъагъуныгъэр?

Пщащэ тхьэӏухуд?

Псэми гуми я хъуэпсапӏэ,

Налъкъут щыгъэу лыд?

Лъагъуныгъэр гъатхэщ, мазэщ,

Дыгъэ къуэмыхьэжщ,

Ар зыхъумэм къыщыбжиӏэрщ:

«Си псэ закъуэр уэрщ».

Сыт зищӏысыр лъагъуныгъэр? –

Хэт ар жиӏэфа?

Хы толъкъуну къэукъубийми

Хэт пэлъэщыфа?

Лъагъуныгъэр гум щигъафӏэр

Пщащэр гумащӏамщ,

Гухэ нэпсхэр псэм фӏэӏэфӏу

Нэхэм къащекӏуарщ.

Сыт зищӏысыр лъагъуныгъэр? –

Си гум мафӏэ илъщ,

Зы мэскъал нэхъ мыхъуми фщӏэмэ,

Жыфӏэр си гухэлъщ.

Лъагъуныгъэм и хуабагъым

Дунейр и къарущ,

Ар мыпэжмэ, си псэ закъуэ,

Мафӏэр щхьэ сщӏэна.