Адэжьхэм я уэрэд

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Уей, си къуэш цӏыкӏуу си шынэхъыщӏэ,

Ей, уи къуажэжьмэ зэ дынэгъэс,

Нанэ и жьэгум мафӏэ щыдгъэщӏи

Япэхэм хуэдэу тӏэкӏу дыдэгъэс.

Уи шыуан цӏыкӏур лъахъшэу фӏэдгъадзи

Шыкӏэпшынэжьыр блыным къыфӏэх,

Мы си губампӏэми жьыр схудебгъэхуу

Ди уэрэдыжьыр уэ зэхэзгъэх.

Нанэ кхъуейжьапхъэ къытхуищӏ нэхъей

Ӏэнэ хъурейри къэдгъэувынщ,

– Сыт фэ хуэмыхухэр фыщӏэнэщхъейр? –

Жиӏэурэ дадэ къыдэшхыдэнщ.

Тхуэмыдэ куэдхэр дунейм къелащ,

Цӏыху напэ, хэкур япэ ивгъэщ.

Гъащӏэм и нэпцӏхэм фыдахьэхащ,

Зэвгъащӏэ – гъащӏэр зы гъуабжэгъуэщщ.

Уей, си къуэш цӏыкӏуу си шынэхъыщӏэ,

Ей, уи къуажэжьым дэ дынэгъэс,

Пхъэ дакъэжь мафӏэ жьэгум щыдгъэщӏи

Ди сабиигъуэм дыбгъэдэгъэс.

Источник: oredade.ru

ключевые слова: ц1ык1уу