народная песня
Другие версии: Шэджэрокъуэ и уэрэд (вариант 2), Шэджэрокъуэхэ я тхьэусыхэ
ТЕКСТ:
Жыпlэнурэ зэчырым хуэдэщ,
Уедэlуэнурэ къурlэным и уазщ.
Щхьэгуащэурэ тхьэр зыдэбгэным
Лъы бэхъаер къызэрыдох.
Муслъымэнурэ дызэхэзыхым
Гъыбзэ щlыlэр къытхуагъэфащэ,
lэщэ-фащэурэ дыщэ зэрылэр
Уардэ унэм къыщызэфlадзэ.
Шэджэрокъуэурэ дитхьэр зигъуазэ
Фоч гъуазэм щlэмыпсэхуж.
Шэджэрокъуэурэ Шэджэрокъуатхъуэ,
Си тхъуэжъейхэр лъэгуажьэ фlыцlэщ.
Къантэлоурэ си фоч фlыцlэжъыр
Къэзэуаткlэрэ зэщlызогъаплъэ,
Зи щэ уlэгъэм хуемыплъэкlыжыр
Болэтокъуэ икъуэкlэ Бэчмырзэ цlыкlущ.
Дыхьэрэнуэрэ вакъэ ныкъуэдыр
Дынылъэм къыпхудызонэ.
Сабий-бынуэрэ къызэднэкlар
Топ мафlэм хагъэсыхьащ.
Из записи радиопередачи ГТРК КБР