Лъэмыж цӏыкӏум деж

Псалъэхэр зытхар - Джэдгъэф Хъусен

Макъамэр зытхар - Афэщӏагъуэ З.

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Мазэ цӏыкӏур, бгыпэм къыкъуэкӏауэ,

Пшэхэм зыщигъэпщкӏуу докӏуэтей.

Пшапэ зэхэуэгъуэм, сфӏэемыкӏуми,

Псыхьэ сокӏуэ лъэмыж цӏыкӏум деж.

Псы ӏущащэм сэ сыныщыхэплъэкӏэ,

Мазэр къысхуэщыгъуэу къысхукъуоплъ.

Псалъэу къызжепӏахэм уепцӏыжами,

Псыхьэ сокӏуэ лъэмыж цӏыкӏум деж.

Лъэмыж цӏыкӏум сакъыу уэ сынипшурэ,

Лъагъуныгъэр ӏуащхьэу сыбгъэщӏащ.

«Дэкӏуэ», - жаӏэм, сыдэкӏуэн сымыдэурэ

Нэгъуэщӏ уи лэгъунэм къыщӏэпшащ.

Иджы лӏыкӏуэ схуощӏ ибгъэкӏыжауэ,

Мафӏэр жьэгум пхьыжкӏэ мыхуабэж.

Ауэ бампӏэр сщхьэщыун къысфӏэщӏурэ,

Псыхьэ сокӏуэ лъэмыж цӏыкӏум деж.

Источник: @zhygue