Зи ишэгъуэм и уэрэд

Слова - З. Тхагазитов

Музыка - У. Тхабисимов

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Зи къэшэгъуэм и насыпкъэ –

И гум илъыр къыбжеӏэф.

Зи ишэгъуэ хъуа хъыджэбзым

Бэлыхь ӏэджи и псэм телъщ.

Припев:

Къызэгуакӏуэр - къысхуэкӏуэнщ,

Сыхуэмеймэ - згъэкӏуэжынщ,

Си псэм къыдыхьэу,

Си гур зыхьэхум

Си гъащӏэр тыгъэ хуэсщӏынщ.

Зигу сырихьыр къызбгъэдохьэ,

Сыдэкӏуэну къызолъэӏу,

«Сышэ» - жысӏэу псэр зыхьэхум

Селъэӏуну къезмыгъэкӏу.

Припев.

Хъыджэбз псоми ещхьыркъабзэу

Сэ лэгъунэ сыщӏохъуэпс,

Си хъуэпсапӏэр жысӏэ мыхъуу

Лъагъуныгъэр мэтӏыгъуэж.

Припев.

Хъыджэбз хьэлщи – сыфхуэмейуэ

Тӏэу семыплъу нывжесӏэнщ,

Ауэ фи щхьэр лажьэу щытмэ,

Псалъэм ӏуэхур тевмыщӏыхь.

Припев.

Источник: @zhygue

Скачать бесплатно MP3

ключевые слова: къыбже1эф