Ди Налшык парк

Псалъэхэр зытхар - Сонэ А.

Макъамэр зытхар - Къэбэрдокъуэ Б.

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Тхьэмпабгъуэу уи жыг гъэфӏахэр

Гухэлъкӏэ къызэщоудыр,

Псыпсыжу псей зыкъизыххэм

Ӏущащэу хуолъэуджыджэр.

Паркышхуэм и дыщэ бзухэр

Я уэрэдускъэ дахагъэм!

Мыбы гукъеуэр щобзэхри

Псэм зыхегъапскӏэ щхъуантӏагъэм.

Къулейуэ уи хьэуа къабзэр

Йожабзэ си пкъынэлъынэм;

Щопэкӏур цӏыхубзхэр бзэрабзэу,

Гукъуэпскӏэ я шыкӏэпшынэу.

Аллее уи жэнэт гъуэгухэм

Шэнт хъархэр я гущэ куэщӏи,

Пщӏыпщӏыжу епэр гъэгъахэр

Абыхэм я дыщэ мыщӏи!

Бзэ ӏэфӏу ди Налшык паркым

Кӏэпхъ цӏыкӏухэр и жыг гъэдахи,

Мардэншэу уи гур щӏиӏэтэу

Дапщэщи абы и гъатхи!

Источник: @zhygue

ключевые слова: гъэф1ахэр