Си нанэ

Слова: Борис Гедгафов

Музыка: Умар Тхабисимов

Исполнители: Хусен Маремуков

Категории: кабардинские песни

Другие версии: Синан, Моя мама

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Си нанэу си псэм хуэзгъадэу

Дуней насып къызэзыт,

Уи гъащӏэ гъгъур уэрэду

Мы щӏылъэм сэ щызоӏэт.


Си нанэу си дыщэ пшэплъ,

Дахагъэу щыӏэр зыхэлъ,

Сфӏощӏ анэ псом уралей,

Уэрщ зыгъэнэхур дунейр.

Уойра-уойра-уорира

Уойра-уойра-уорира

Си нанэ дахэ

Си нанэ, си нанэ, си нанэ дахэ,

Си нанэ дыщэ.


Мазэщӏэ бзыгъэм дыщафэу

Къищу солъагъу уи сурэт!

Нуру уогъаблэ си уафэр,

Сщӏыгъуу гъуэгуанэм утетщ.


Си нанэу си дыщэ пшэплъ,

Дахагъэу щыӏэр зыхэлъ,

Сфӏощӏ анэ псом уралей.

Уэрщ зыгъэнэхур дунейр.

Уойра-уойра-уорира

Уойра-уойра-уорира

Си нанэ дахэ

Си нанэ, си нанэ, си нанэ дахэ,

Си нанэ дыщэ.


Сыпсэхумэ, пэӏэщӏэу унэм,

Силъ уи лъэпагъым къысфӏощӏ.

Уи жьыгъэ дахэм, си нанэ,

Ӏэплӏэ гумащӏэу хузощӏ.


Си нанэу си дыщэ пшэплъ,

Дахагъэу щыӏэр зыхэлъ,

Сфӏощӏ анэ псом уралей.

Уэрщ зыгъэнэхур дунейр.

Уойра-уойра-уорира

Уойра-уойра-уорира

Си нанэ дахэ

Си нанэ, си нанэ, си нанэ дахэ,

Си нанэ дыщэ.


Уэ гуапэу ӏэ къыздэплъамэ,

Нэхъ фӏыгъуэ сэ сыхуэмей.

Си гъащӏэм и дыщэ дамэ,

Куэдрэ схуэпсэу, си дуней.


Си нанэу си дыщэ пшэплъ,

Дахагъэу щыӏэр зыхэлъ,

Сфӏощӏ анэ псом уралей.

Уэрщ зыгъэнэхур дунейр.

Уойра-уойра-уорира

Уойра-уойра-уорира

Си нанэ дахэ

Си нанэ, си нанэ, си нанэ дахэ,

Си нанэ дыщэ.

Источники: книга "Гедгафов Б. М. Избранные произведения. Нальчик, 1998"