ТЕКСТ ПЕСНИ:
1. Мазэ бзыгъэу дэхащэ,
Дыщэ щыгъэу вагъуэбэ.
Псэ къабзагъэр зи фащэ,
Щэджэщагъэр зи щӏасэ.
Вындым хуэдэр зи набдзэ,
Бдзапцӏэ хьэлъэр зи плъэкӏэ.
Кӏэ бырыбыр зи фащэ,
Щабэрыкӏуэу уэркъ пщащэ.
Припев:
Мазэр зи нэкӏуурэ набдзэ къурашэ,
Шабзэшэ кӏуэкӏэри зыхуэзгъэфащэ,
Щабэрыкӏуэкӏэурэ уэркъ пщащэ уардэ,
Дахагъэр уэрщ зи фащэр уей.
Псэр зыхуэусэурэ уэркъ пщащэ уардэ,
Хъуэрыбзэ усэкӏэ хъуахъуэ зи хабзэ,
Пшынэбзэ дахэкӏэ сигу зыхуэусэ,
Псэ къабзэр уэрщ зи фащэр уей.
2. Уэркъ бгы псыгъуэр зи фащэ,
Хабзэ зехьэр зи гъащӏэ.
Щӏым къытепсэр зи мазэ,
Зэнзэныпсу ткӏуэпс къабзэ.
Зи щхьэцыгъуэр щӏакӏуапцӏэ,
Джэгу зэхэшэр зи хабзэ.
Зи дэ купщӏэр дыщафэ,
Зыдэгъазэт Уэркъ къафэм.
Припев.
Мазэм ухуэзгъадэурэ!
Дыгъэм упэслъытурэ!
Дыжьыныкӏ щхьэцыгъуэхэр!
Ӏэпкълъэпкъ дахэ пкъыгъуэхэр!
Псэр щӏэгуфӏэ фӏыгъуэхэр!
Уэ зырщ сигу ислъагъуэр уей..!
Припев.
Источник: https://iomedia.ru/
Слушать караоке-версию (минусовка)
Ключевые слова: нехуш черим уеркь пшаше, уеркь пщаще, пшашэ