Музыка - Шабан Кубов
Слова - Валерий Апанасов
Исполнители: Астемир Апанасов
Категории: кабардинские песни
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Дыгъэм и бзийхэмкӏэ уи бгы щхьэ хужь лъагэхэм
игъэщӏэращӏэу щытепсэкӏэ, уей.
Къуалэбзу бзэрабзэри бгы лъапэ мазэм къыщоӏури, уей,
си гум пӏейтеуэ сынехь уи деж.
Къуалэбзу бзэрабзэри бгы лъапэ мазэм къыщоӏури, уей,
си гум пӏейтеуэ сынехь уи деж.
Адэжь щӏыналъэуэ си псэм и плъапӏэуэ,
си пщӏыхьым хэтыр уэ зыр къудейщ.
Адыгэ пшыналъэ си гур игъафӏэуэ
гупсысэ ӏэфӏым сыхедзэр, уей.
Губгъуэ хуит дахэхэм, уи мэзышхуэ щхъуантӏэхэм
сыныхуозэшыр сэ сыт щыгъуи, уей.
Уи пщащэ дахэхэм, уи щауэ хахуэхэм
хуэзгъадэ теткъым сэ зымикӏ дунейм.
Дэнэ сыщыӏэми, сыт сэ сымыгъахъэми
адыгэ нэсу зызобжыри, уей.
Адыгэ хабзэм нэхъ къабзэ дунейм щымыӏэу солъытэри, уей,
адыгэм сэ сыропагэр, уей.
Адыгэ хабзэм нэхъ къабзэ дунейм щымыӏэу солъытэри, уей,
адыгэм сэ сыропагэр, уей.
Адэжь щӏыналъэуэ си псэм и плъапӏэуэ,
си пщӏыхьым хэтыр уэ зыр къудейщ.
Адыгэ пшыналъэ си гур игъафӏэуэ
гупсысэ ӏэфӏым сыхедзэр, уей.
Адыгэ хабзэкъэ пшынэри бзэрабзэмэ
щауэм и пщащэр утыкум къыдеш.
Джэгур дахащэмэ ӏэгури дэщащэмэ
фӏылъагъуныгъэми и гъуэгур хеш.
Слушать бесплатно в исполнении Астемира Апанасова
ключевые слова: бзийхэмк1э Куба абан c warad