ТЕКСТ ПЕСНИ:
Насып къызетыр сэ уи уэрэдым,
Си лъэпкъ гурыщӏэм и бзэр уэращ.
Зы зэман гуэрым уэ усфӏэкӏуэдым
Ди бгы пагэжьхэр бзагуэу къэнащ.
Припев:
Ей, адыгэ пшынэ, адыгэ пшынэ уей,
Сипсэм ухэтщ уэ сигур пхуосакъыр.
Лъэпкъыр кӏуэдыну сфӏощӏри сошынэ, уей,
Зэхэзмыхыжу щытмэ уи макъыр.
Уэ хьэгъуэлӏыгъуэм ущыбзэрабзэм
Ди Ӏуащхьэмахуэ и бзэр къеутӏыпщ.
Аращ и анэр гурыщӏэ къабзэм,
Еуэ удж пыхум хъухукӏэ нэхущ.
Припев.
Уэ уи макъамэр нэусмэ уафэм
Вагъуэ нэгъунэ ящӏ ислъэмей.
Ди дыгъэр плъыхукӏэ еуэ уи къафэм,
Уэрыншэ гъащӏэ сэ сыхуэмей.
Припев.
Насып къызетыр сэ уи уэрэдым,
Си лъэпкъ гурыщӏэм ибзэр уэращ.
Зы зэман гуэрым уэ усфӏэкӏуэдырт,
Ди бгы пагэжьхэр бзагуэу къэнащ.
Источник: www.oredade.ru