Фащэ

Мыдахэну, дауи, хуитщ бзылъхугъэр,

Ауэ мыгуакӏуэну хуитыныгъэ

Зыми къритакъым... Пэжщ, гуакӏуагъэр

Ди цӏыхубзхэм фащэ зыщатӏагъэм,

А щатӏагъэр щадым и жыжьагъэм,

Ябзрэ яду зыкъуалъхьэжа къуагъыр

Къапщӏэу къыкъуэпхыным и гугъуагъым...

Кӏэщӏракъэ,- ахэм я лъапӏагъым,

Дэ ди бохъшэм дэлъым и хьэлъагъым

Елъытащ зыкъомкӏэ я гуакӏуагъэр

Ди цӏыхубзхэм... Ауэ щыӏэщ фащэ

Сыт хуэдэ зэмаными дахащэ,

Ӏейр зыгъэфӏу фӏыр зыдэщӏэращӏэ,

Ауэ къыщӏэупщӏэхэр зи мащӏэ...

Ар ямыщэщ икӏи къамыщэхущ.

Пхуэмыфащэу щыптӏэгъамэ,- хьэхущ.

Зыхуэфащэу зылъысам йокӏупс.

И цӏэри къызэрыгуэкӏщ: НЭМЫС...

Мис а фащэр зыщумых къудеймэ,

Пхуэзгъэгъунщ сэ умы-Сэтэнейми.

1977гъэ

Ӏутӏыж Борис