Жэмал

Щӏагъуэу зэхамыӏуэу,

Фӏыкӏи и цӏэ ирамыӏуэу,

Дэст ди къуажэм Жэмал.

Кӏэлъэфт, – хуагъуэттэкъым ӏэмал.

– Жэмали?.. Ӏуфх адэ! –

Ауан хэлъу хъущӏэрт дадэр, –

Лэжьыгъэм зыщегъэпщкӏу.

Ар мылэжьэф шхэрейщ, –

Хужаӏэрт хъыджэбзхэм, – хьэулейщ.

И бадзэу иӏэт дзыр,

Хэти хъуэрыбзэ къридзырт.

Жылагъуэм я ауант,

Щӏэнакӏэрт абы цӏыху мелуан.

Кӏэщӏу жыпӏэм, Жэмал,

Кӏуэдыным иӏар бетэмалщ…

Пэжщ, арщ зэрыщытар,

Ауэ фщӏэрэ иджы къэхъуар?

Дауикӏ, фщӏэркъым, – пэжкъэ?

Атӏэ федэӏу! – Дэ вжетӏэнкъэ!..

Жэмал къуажэр щотхъур,

Лӏыжь-фызыжьхэр малъхъэу лъохъур.

Псоми къыхуащӏыр щӏыхь,

Тхьэӏухудхэр абы йопщӏыхь.

– Ей-ей, ди Жэмали!

Дыщэщ! Ди жылэм зы щӏали

Дэскъым Жэмал текӏуэн,

Лэжьыгъэфӏкӏэ абы пэхъун!..

Щауэм и сурэтыр

Мисыр, феплъыт, тетщ газетым,

Радиор къохъуэхъур,

Къэрал псом цӏэрыӏуэ щохъур.

Хэти къыхуещӏ нэмыс,

И фӏыщӏэр псоми зэлъощӏыс.

Атӏэ дэнэ къикӏа?..

А насыпыр сытым къихьа?

Хэхуагъэм къыпэкӏуащ,

Гуащӏэдэкӏым ар къыдэкӏуащ.