Адыгэ нанэм и уэрэд

Зэманыжь бзаджэм боз босцей сщыгъти, уей,

Зэпыщэщыжу зысхуэпэжакъэ, уей.

Хъыданыжь вакъэр си лъакъуэм лъыпкӏти, уей,

Туфлъэ цӏыужхэр лъыстӏагъэжакъэ, уей.

Кӏыргъыу выгужькӏэ си дыщ сыкӏуэжти, уей,

Машинэ щабэм ситӏысхьэжакъэ, уей.

Жьэгужь кӏэгъуасэр къыскӏэрылъэлъти, уей,

Газкӏэ сыпщафӏэу сэ сежьэжакъэ, уей.

Пасэм гухъужьу сызэрыгуари, уей,

Иджы музеймэ щӏагъэувэжакъэ, уей.

Ӏэпщэ щхьэл цӏыкӏуу сызрыхьэжари, уей,

Сэ хьэрэкъуакӏэм ныдэздзэжакъэ, уей.

Дамэ лырыгъум пхъэхь къуаншэр телъти, уей,

Кӏырантыр сӏуантӏэм псыр уэру къожри, уей.

Тахътэбан гъурым ситх трихати, уей,

Данэху-данапӏэм сэ сыщожейри, уей.

Япэм нахуапӏэу бэлыхь стелъари, уей.

Иджы пщӏыхьэпӏэу сымылъагъужрэ, уей.

Псэукӏэ дахэу сызыпэплъари, уей,

Нобэ хъуапсэгъуэу си нэгу щӏокӏыжри, уей.

Уэс къесам хуэдэу си щхьэцыр тхъуами, уей,

Адыгэ нанэр сынасыпыфӏэщ, уей,

Сэ нобэ мащӏэу набгъэ сыхъуами, уей,

Солъагъу гъащӏэщӏэри, сэ сегъэгуфӏэ, уей.