Ди дежкӏэ къытумыгъазэ

Бажокъуэхэ я пщӏантӏэм зы шу мыцӏыху дыхьэри джащ: «Лэкъумэн!». Лэкъумэн дэстэкъыми, и фызыр къыщӏэкӏащ. Лэкъумэнрэ шумрэ зэрызэныбжьэгъур фызым къыщищӏэм:

– Лӏыр дэскъым. Щӏалищыр и гъусэу мэз кӏуащ. Дэмысми, еблагъэ, удгъэхьэщӏэнщ! – жиӏащ.

Афӏэкӏа хэмылъу шым зыкъригъэлъэтэхри лӏыр еблэгъащ. Мэзакӏуэхэм щхьэкӏэ дзажэ пшэр гъэгъуамрэ пӏастэ шыуанрэ фызым ипщэфӏати, лӏым ӏэнэ зэгъэпэща къыхуищтащ, махъсымэ фалъэшхуи къыхутригъэуващ.

Къызэрезгъэжьа хуэдизрэ пымыту лӏым ӏэнэр иухъуэнщӏащ. Фызым, ар щилъагъум, лӏым и ӏэнэр щӏэрыщӏэу къыхуиузэдыжащ. Абыикӏ кӏэ иритащ. Апхуэдэурэ лӏым и ӏэнэр фызым щэней къыхуигъэщӏэрэщӏэжащ. Итӏани лӏыр зыӏурыбзаерт. Щымыхъужыххэм, фызым ӏэнэ хъуреишхуэм телъу хъуар тригъэкъэбзыкӏщ, тебэшхуэр зэрыщыту къытригъэувэри, шыуанышхуэм къина пӏастэр къригъэтӏылъэкӏыжащ. Фызым и гугъэт лӏыр укӏытэу тэджыжыну. Арщхьэкӏэ дэнэт!

– Тӏэкӏу дыщызэӏурыуакӏэ, иджы дышхэпэнщ-тӏэ! – жиӏащ лӏым и ӏэщхьэхэр дригъэджэрэзейри.

Лӏыр, дыгъужь нэщӏам хуэдэрэ ӏэнэм теубгъуауэ, шхэрт. Фызри, и жьэр ӏурыхуарэ и нэр къихуу, лӏым еплъырт.

– Мис иджы абы зыщӏыпӏэ дытридзэнщ! – жиӏащ лӏым, ӏэнэ нэщӏыр ӏуигъэкӏуэтыжри.

– Нтӏэ, уи ныбжьэгъум сыт жесӏэжын? – щӏэупщӏащ лӏым шхэн иухыху пэплъэу щыта фызыр. – Удэнэ къуажэ? Хэтхэ уащыщ? Сыт уи шыфэлӏыфэ?

– Сэ, ди шыпхъу, Мывэжьокъуэ къуажэм сыщыщщ, Къанжокъуэхэ сарейщ, си цӏэр Хьэрунщ. Тӏэкӏу мыхъумышхэ сыхъуауэ ӏэзэ зыкӏэлъызгъэплъыну Бжейкъалэ сыкӏуэрти, си ныбжьэгъужьыр слъагъуну сыкъыдыхьат, – жэуап итыжащ Хьэрун.

Фызыр, и жьэр ӏурыхуауэ, зы тэлайкӏэ лӏым еплъащ. Итӏанэ къызэщӏипхъуэтри:

– Нтӏэ, кхъыӏэ, хъуа-шха ухъужа нэужь, ди дежкӏэ къытумыгъазэ… – жиӏащ.