Нэ къуэлэн

Зекӏуэ сыкӏуэну сэ срагъажьэрти,

Ди деж джэгушхуэ щызэӏуахатэкъэ.

Уи нэ къуэлэнхэм си щыпэ ӏуплъэти,

Си гурылъ ӏэфӏхэр къагъэушатэкъэ.

Уи пшынэ фӏыцӏэр зэрыбгъэлъэлъырти,

Си лъэр щӏэлъэту сыкъытехьатэкъэ.

Уи нэ къуэлэнхэр гуапэу къызэплъырти,

Си гур къилъэту сыкъыбдэфатэкъэ.

Псэзэпылъхьэпӏэу сэ сыздэщыӏэми,

Уи нэ къуэлэнхэр си нэгум щӏэкӏыркъым.

Макъкӏэ къэпсалъэу зы къызжамыӏэми,

Сигу хамыгъахъуэу дакъикъэ дэкӏыркъым.

Жэщкӏэрэ уафэм сыщыдэплъейкӏэрэ

Уи нэ къуэлэнхэр мазэм къыщызогъэщӏ.

Махуэкӏэ дыгъэр щӏылъэм щытепсэкӏи

Ар уэ уи нитӏым я нуру шэч сагъэщӏ.