Къулъкъужын пщащэ

Япэу лэжьапӏэ Къулъкъужын сыкӏуэрти, йо,

Егъэлеяуэ къуажэр сфӏэкӏыхьти, йо!

Гъуэгу нэшэкъашэр кӏэншэу къысщыхъурти, йо,

Сытезэшауэ сещхьэукъуэхти, йо!

Ауэ сыхуэзэри Къулъкъужын пщащэмэ, йо,

Къызэбзэрабзэурэ зыкъэсщӏэжакъэ, йо!

Нэхъапэм кӏыхьурэ къысфӏэщӏа жылэмэ, йо,

Нэхъ кӏэщӏ щымыӏэурэ къысщыхъужакъэ, йо!

Гъатхэпэ дыгъэр къуажэм къыдэпсэми, йо,

Бжьыхьэкӏэ пшагъуэр си гущхьэм телъти, йо!

Къущхьэхъу акъужьыр къуэкӏийм щызепщэми, йо,

Бэуапӏэ си гум имыгъуэтыжти, йо!

Къуажэм сыдэту сыщыдэкӏуеймэ, йо!

Сэ гузэвэгъуэ къыслъэӏэсати!

Ӏуащхьэ инитӏыми замыгъэхъейми, йо,

Сыдапӏытӏэнкӏэ сагъэшынати, йо!

Къуажэм лэжьапӏэ сэ сыкъэкӏуати, йо,

Псэукӏэ дахэр сэ щызухуакъэ, йо!

Къулъкъужын пщащэмэ сыдихьэхати, йо,

Хъуэжэ и бэщмакъыу зыкъизгъэнакъэ, йо!