Жаннэ

Узмылъагъуу тэлай дэкӏмэ,

Схуэмыхьыжу сыпхуозэш.

Си псэ закъуэ, сигу укъэкӏмэ,

Сэ уэрэдыр къыпхузош.

Жаннэ, Жаннэ, си нэ дахэ,

Си псэм хуэдэу слъагъур уэрщ.

Жаннэ, Жаннэ, си нэ дахэ,

Жаннэ, си нэ – си псэр уэрщ.

Махуэ псом си нэгу ущӏэту

Изохьэкӏыр, щӏы уи фӏэщ.

Жэщ къэсыху си пщӏыхь ухэту,

Жаннэ дахэ, нэху согъэщ.

Еубыд си бзэр мыпсэлъэжу,

Къысхуэмыщӏэу ар зищӏыс…

Сипкъ жаныгъэр хэмылъыжу,

Сэ а ӏуэхум согупсыс.