Ӏэхъуэмрэ шумрэ

А гъэр уэгъу бзаджэ хъуат. Хъупӏэхэр дыгъэм исыжат. Итӏани къуажэ ӏэхъуэм хъушэр къыдихури хъупӏэм триутӏыпщхьащ. Езыри гъуэгубгъум деж ӏутӏысхьэжауэ мэгупсысэ. «Сыт сэ сыщӏэӏэхъуэм и мыхьэнэр? Мыпхуэдэу уэгъумэ, хэт ӏэхъупщӏэ къызитын?»

Абы хэту ӏэхъуэм шу гъуэгурыкӏуэ къыхуэзащ.

– Сэламун хьэлейкум! – жиӏащ шум.

– Сыкъуажэ ӏэхъуэщ! – жэуап итыжащ мыдрейм.

– Мы къуажэм ущыщ, тхьэмадэ? – къеупщӏащ шур.

– Жэм къэс пут зырызкӏэ согъэхъу!

– Мы гъуэгур дэнэ кӏуэрэ? – щӏэупщӏащ шур.

– Ар къыуатыни-къыуамытыни. Мы гъэр зэрыуэгъу бзаджэр плъагъуркъэ?

Ӏуэхур зытетыр къыщыгурыӏуэм:

– Теурэз ухъуи! – жиӏэри шур ежьэжащ.

– Берычэт бесын, щӏалэфӏ! – кӏэлъыгуоуащ ӏэхъуэр шум.