Башир цӏыкӏу

Тэтрокъуэ Астемыр и къуэ Башир цӏыкӏу хузотх

Ей! Фэ фцӏыхурэ Башир цӏыкӏу?

Фцӏыхукъэ? Дэси ар ди къуажэ!

Башир нэсу щӏалэфӏ цӏыкӏущ, –

Сытым хуэдэу къуэ пажэ!

Лъабэдий ещӏыф Башир,

Ещӏэ и анэдэлъхубзэр,

«Сэлам!» – жери ӏэр къеший,

И псэм хуехьыр адыгэбзэр.

Гъы ӏэуахэр и ауанщ,

Башир цӏыкӏу мыгъыринэ.

Хъуну хуейщи ар пелуан,

Шхэмэ – зыри къримынэ.

Дадэ жеӏэ: «Башир цӏыкӏу,

Нэгъэсауэ адыгэлӏи!»

Нанэ жеӏэ: «Башир цӏыкӏу

Хъунщ губзыгъэу ар хэкулӏи!