Яку дэлъ тӏэкӏурщ

Ди къуажэ псом Хьэдис нэхъ щӏалэфӏ дэстэкъым. Ауэ, езым гу лъимытэжурэ, ар фадэм дихьэхащ. Фадэм япэрей Хьэдис щӏалэфӏым и хъубжэр хуригъэщӏыжри, етӏуанэрей Хьэдис цӏыху кӏуэдар абы и пӏэм иригъэуващ.

Иджы Хьэдис и цӏэр щыгъупщэжыху ефэрт, кӏуэжырти и бынунагъуэ хъарзынэм яхэзэухьырт. Абы и щхьэгъусэр куэдрэ къелъэӏуащ: «Кхъыӏэ, Хьэдис, дыздэбгъэпсэунумэ, фадэр щыгъэт!» – жиӏэурэ. Щымыхъужыххэм, фызыр щӏэпхъуэжащ.

Итӏани Хьэдис ефэрт. Нэхъ ӏеижу ефэрт. Ауэ, гъэщӏэгъуэныратэкъэ, ефэ пэтми, фадэр езэгъыртэкъым: щефэкӏи тхьэусыхэрт, щыпкърыкӏыжкӏи гызырт.

Зы пщэдджыжь гуэрым Хьэдисхэ я гъунэгъу лӏыжьыр къеупщӏащ:

– Уи ӏуэху дауэ щыт, си щӏалэ? – жиӏэри.

– Хьэлэчщ! Дыгъуасэ сефауэ си щхьэр фӏех! – гурымащ Хьэдис.

– Уи ӏуэхур къызгурыӏуэркъым, си щӏалэ, – пищащ лӏыжьым и псалъэм. – Ущефэкӏи утхьэусыхэу жаӏэ, щыппкърыкӏыжкӏи уогыз: щомызэгъкӏэ щхьэ уефэрэ?

– Сыщефэмрэ щыспкърыкӏыжымрэ яку дэлъ тӏэкӏуращ сыщӏефэр! – жэуап итыжащ Хьэдис.

– А-а!.. Ӏэлэхьэ, си щӏалэ, мис иджы къызгурыӏуам уэ узытеунэхъуар! – жиӏэри лӏыжьыр щэтащ.