Ӏэлъын цӏыкӏури

Ӏэлъын цӏыкӏури мыщӏэ закъуэщ,

Закъуэныгъэр сэ къызохьэлъэкӏ.

Сэ слъэкӏатэмэ, си псэ жысӏэурэ,

Гъащӏэу сиӏэр уэркӏэрэ згъакӏуэнт!

Ноби макӏуэри, ныжэби макӏуэри,

Си щӏалэгъуэр сфӏэкӏуэдауэ собж,

Дызэрызурэ кӏуа илъэсхэри

Гъащӏэм щыщу сэ къысхуэмыбжын!

Укъызоплъри, уоплъыхыжри,

Уи нэ фӏыцӏэхэмкӏэ укъыщӏоплъ,

Уэ узэплъри сэрмырауэрэ

Нэгъуэщӏ гуэру щытмэ, сунэхъуащ.

Лэрыпс цӏыкӏури зэпощэщ(ы)ри,

Лъагъуныгъэ нэпсхэр къощэщэх,

Зытелъалъэри пхырисыкӏыурэ,

Сыту фӏыщэ ӏейуэ услъэгъуа!