Къеплъ си нитӏым

Ней-нейуэ сызэпумыплъыхь,

Си фащэм зыри тумыщӏыхь.

Къысхуумыщӏ сэ абыкӏэ щӏыхь,

Ар щхьэгъэпцӏэжщ, нэкъыфӏэщӏщ, пщӏыхьщ.

Сыт сэ фӏыуэ сыхуэпакӏэ?

Е фейцейуэ сыпхуэзакӏэ?

Слӏожь дунейм сыщылӏ бэгъуакӏэ?

Е къуэгъу цӏыкӏуу сыплъэгъуакӏэ?

Апхуэдэу плъагъукъым уэ мащӏэ,

Умыжакъуэ, умыпӏащӏэ.

Теплъэкӏэ хуащӏкъым цӏыхум пщӏэ,

Ар хьэкъщ, щӏы уи фӏэщ – зэгъащӏэ!

Пэж си теплъэм къыбжиӏэнкъым,

Абы акъыл щыбгъуэтынкъым.

Къеплъ си нитӏым, – ущыуэнкъым.

Си гум арщ и гъуджэр, – пцӏыкъым.