Ӏуащхьэмахуэ

Макъ., пс. Хьэӏупэ Н. ейщ

Ӏуащхьэмахуэ зи лъэгагъым, уей,

Щӏэгъэкъуэн имыӏэрэ.

Си ӏэр си щхьэм щӏызогъакъуэри,

Мы ди ӏуэху мыгъуэм согупсыс.

"Усымаджэщ", - жаӏэ мыгъуэри,

Сымаджэщым сашэрэ,

Сымаджэщым сэ сывмышэурэ

Нэкъулэн къысхуэфшэ, жи!

Си дарий шхыӏэн мыгъуэри, уей,

Мамэ къысщӏеупщӏэмэ,

Хьэблэр щӏэупщӏакӏуэурэ, уей,

Пӏэм сыкъыхэбна мыгъуи!

Си пщыкъуэр къыщӏохьэ мыгъуэри,

"Унэхъыфӏ?" — къызжеӏэрэ,

Си пщыпхъур къыщӏохьэ мыгъуэри,

"Ухэлӏыхь!" - къызжеӏэр сэ.

Си гуащэр къыщӏохьэ мыгъуэри,

"Ухъужынщ" - къызжеӏэри,

Езыр къыщӏохьэж мыгъуэри, уей,

"Тэджи кӏуэж!" къызжеӏэрэ!

Ӏуащхьэмахуэ зи лъэгагъым, уей,

Щӏэгъэкъуэн имыӏэрэ,

Си ӏэр си щхьэм щӏызогъакъуэри,

Мы ди ӏуэху мыгъуэм согупсыс!

Си ӏэр си щхьэм щӏызогъакъуэри,

Мы ди ӏуэху мыгъуэм согупсыс!