Щӏыхуэ

Данил улӏэнумэ ахъшэ щӏыхуэ къыуитынутэкъым, езыми пӏихынутэкъым. Абы щымыгъуазэ гуэр ахъшэ щӏыхуэ щхьэкӏэ Данил елъэӏуащ.

– Уэлэхьэ, тӏу, – жиӏащ Данил, – сэ ахъшэ гъэтӏылъа тӏэкӏуи сиӏэм… Ахъшэри унэм щӏэлъым… Хьэзырыбзэу пхъуантэм дэлъым… Пхъуантэм и ӏункӏыбзэри си жыпым илъыжым… Ауэ, уи жагъуэ умыщӏ, уэстыфынукъым. Сыт си ӏитӏкӏэ щӏыхуэ уэсту си лъакъуитӏкӏэ къыщӏыпкӏэлъыскӏухьыжынур?