Адыгэ дадэм и уэрэд

Сэ си щӏалэгъуэм сыджэдыгу цӏыргъти, уей,

Бэлъто пщампӏэшхуэ зыкъэсщӏыжакъэ, уей!

Си гуэншэрыкъым шабий къилэлти, уей,

Шырыкъу зэрытхэм сиувэжакъэ, уей!

Мащӏэу дадэр набгъэ сыхъуами, уей,

Къуажэ кӏыхьыр къалэу солъагъур, уей!

Тхьэкӏумэ жьажьэ жьыгъэм сищӏами, уей,

Пэжыгъэр зэхэсхыжакъэ, уей.

Унэ лъэбышэу сызыщӏэсари, уей,

Унэ зэтеткӏэ зэсхъуэкӏыжакъэ, уей!

Кӏэртӏоф уэздыгъэу быным дгъэсари, уей,

Бахъсэн и нурым хэткӏухьыжакъэ, уей!

Тӏэкӏу зызухуами, гукӏэ сыщӏалэщ, уей,

Си пкъыр ӏулӏами, си лъэр къысфӏофэ, уей!

Си пащӏэр тхъуами, тӏэкӏу изогъалэ, уей,

Гуфӏэгъуэ хъуами хъуэхъубжьэ софэ, уей!

Сэ си щӏалэгъуэм сымыщӏэгъуами, уей,

Адыгэ дадэр сыжьыщхьэмахуэщ, уей!

Насып жыхуаӏэр сымылъэгъуами, уей,

Иджы, си тӏасэ, си гъащӏэр махуэщ, уей!