Охьо!

Щхьэхуещэрэ щхьэгъэтыншу зы цӏыху дунейм тетмэ, Хьэждаут етӏуанэт. «Гугъу семыхьу, ауэ улахуэшхуэ къызату зы лэжьапӏэ сиӏащэрэт!» – арат абы игъащӏэми хъуапсапӏэу иӏэр. Ауэ къехъулӏэртэкъым.

Зэгуэрым Хьэждаут, и жьэр ӏурыхуарэ зиплъыхьу къалэ уэрамым здыдэтым, дирижер цӏэрыӏуэ гуэрым и концерт зэрыщыӏэнум теухуауэ кӏэрылъ хъыбарегъащӏэм гу лъитащ. Ар гъэщӏэгъуэн къыщыхъури, Хьэждаут концертым кӏуащ. И нитӏыр къибыргъукӏауэ ар дирижерым зыкъомрэ еплъа нэужь, къыбгъурыс хъыджэбз дахэ гуэрым еупщӏащ:

– Ярэби, мо баш цӏыкӏу зыӏыгъ щӏалэм улахуэу сыт хуэдиз кърату пӏэрэ? – жиӏэри.

– Зы щиплӏ хуэдиз кърату къыщӏэкӏынщ, – жэуап къритыжащ хъыджэбзым.

– Охьо! – Хьэждаут и гурыӏупсыр къэжащ.

«Баш цӏыкӏу» зыӏыгъым хуэдэ лэжьакӏуэхэр къэзыщтэ лэжьапӏэр Хьэждаут зригъэщӏати, етӏуанэ махуэм кӏуащ. Ауэ а ӏэщӏагъэм урилэжьэн папщӏэ убгъэдэлъын хуей псори къыщыгурагъаӏуэм:

– О-го-гооо! – жиӏэри и щхьэр фӏэхуауэ къыщӏэкӏыжащ.