Жаӏэ

Узмыцӏыхухэм жаӏэ:

Уэ нэхъ фэншэ дунейм зы темыту,

Хэт и щӏали гу лъэпкъ «къыплъимытэу»,

Ауэ ахэр си нэкӏэ къозгъэплъатэм,

Си ӏуэхут уэ апхуэдэу укъалъагъуатэм.

Узмыцӏыхухэм жаӏэ:

Уэ нэхъ бзаджэ жылэм цӏыху дэмысу,

Уэн блэ фӏыцӏэу хэти зыпыщӏэпсэу,

Ауэ абыхэм си жьэр ящӏэтатэм,

Си ӏуэхут, дахэ, ар къыпхужаӏэфтэм.

Узмыцӏыхухэм жаӏэ:

Унэгуащэ уэ къыпхэмыкӏыну,

Хуэмыгъэр уэ пкӏэрымыкӏыну,

Ауэ сэ си пӏэм ахэр изгъэуватэм,

Си ӏуэхут уэр фӏэкӏ плъапӏэ зыми ищӏтэм.

Узмыцӏыхухэм жаӏэ:

Лъагъуныгъэ жыхуаӏэр умыцӏыхуу,

Ар зи бийхэм уэри уащыщ цӏыхуу,

Ауэ си гур абыхэм якӏуэцӏылъатэм,

Си ӏуэхут уэ апхуэдэу уакъыщыхъутэм.

Узмыцӏыхухэм жаӏэ:

Уи гур, Ланэ, абрэмывэу быдэу,

Адрей пщащэхэм зикӏ уахуэмыдэу.

Сарэзыщ, жыреӏэ! Жыреӏэ, жаӏэм.

Ирещӏ си фӏэщ, ахэм къару яӏэм.