Щауей Нэкурэ и уэрэд

Уэредэ, гъатхэри мэхъури, сэрмахуэ, жыгхэр мэгъагъэ.

Сэ сыныпкӏэлъыгъыурэ, рэ-у-уей, дуней,

Уэ Къущхьэхъумэ уокӏуэ, мыгъуэ, уо.

Уэредэ, уи мэлыхъуэгъури, сэрмахуэ, уи бгырыпх лалэмэ,

Сэ сыхъыджэбз щӏалэти, рэ-у-уей, дуней,

Сэ сыделэгъуафӏэ мыгъуэт, уо.

Уэредэ, уи мэлыхъуэгъури, сэрмахуэ, гуэбэнэч фӏыцӏэмэ,

Сэ мэл фӏыцӏэ слъагъумэ, рэ-у-уей, дуней.

Пшынэ сахуоуэ, мыгъуэ, уо.

Уэредэ, данэ бэлътокури, сэрмахуэ, Къущхьэхъумэ ныпхузогъэхь,

Кӏапэ лейр къыщысхуебгъэхь(ы)ми, рэ-у-уей, дуней,

Тхьэ зызгъэнщӏыжа, мыгъуэтэм, уо.

Уэредэ, уи мэлыхъуэвхэри, сэрмахуэ, зэрыбжьэисэрэ,

Сэ фи унэ исхэми, рэ-у-уей, дуней,

Сэ захэслъыта, мыгъуэт, уо.