Сэрмахуэ (Пщылӏ гъыбзэ)

Насыпыншэу зэман бзаджэм дыхалъхуащ,

Мылъхуэжыныр пщыжь-уэркъыжьхэм къахукӏуэ,

Рэ-уэ-уой, сэрмахуэ!

Хьэщӏэ къакӏуэм пщылӏ хъыджэбзхэр ирашэ,

Жэщыр хъумэ гупсысэным дегъалӏэ,

Рэ-уэ-уей, уо, сэрмахуэ!

Щэныбэжьхэм пщылӏ сабийхэр яукӏ,

Кӏэ имыӏэу я гъы макъыр зэхохи,

Рэ-уэ-уей, уо, сэрмахуэ!

Мы гъэрэщым сэкъатыншэу докӏуадэри,

Ди кӏуэдыкӏэм пщылӏ фызыжьхэр йолӏыкӏи,

Рэ-уэ-уей, уо, сэрмахуэ!

Насыпыншэу зэман бзаджэм дыхалъхуащ,

Мылъхуэжыныр пщыжь-уэркъыжьхэм къахукӏуэ,

Рэ-уэ-уей, уо, сэрмахуэ!