Зураб
Къысщохъу, Зураб, уэ нэхъ дэгъуэ
Къуажэм щауэу зы дэмыс.
Сэри пщащэу сыт си дагъуэ,
Щхьэ сыножьэу сыщыбгъэс?
Уей-уей, си Зураб!
Уей-уей, си Зураб!
Уэр фӏэкӏ сыхуэмей,
Сышэ сэ фи дей.
Уи лэгъунэр нэщӏу щытщи,
Хуэсабафэу къысхуозэш.
«Къакӏуэ!» – жыпӏэм сыхьэзырщи,
Мы ди пщӏантӏэм сыныдэш.
Сэ си адэм уасэ лъэпкъи
Къыпӏихыну игу имылъ.
Матэ хъуэжхэр дэ ди лъэпкъи,
Хабзэжь ӏейщи, яхэмылъ.
Сэ си гуащэ хъуатэм уянэр,
Си нэм хуэсхьу згъэпсэунт.
Сэ тхьэмадэ схуэпщӏтэм уядэр,
Си псэм хэлъмэ хэзмыхынт.
Ди нэчыхьыр едгъэгъэтхи,
Ди гугъэфӏхэм дынэгъэс.
Хьэгъуэлӏыгъуэр къыдэдгъэхи,
Дэ унагъуэу дыгъэтӏыс.