Жангуащэ

И нэбжьыц кӏыхьхэр еӏэтри,

Нэ къуэлэн дахэр къыщӏоплъ;

Ӏупэплъ пӏырыпӏхэр зэтожри,

Щынэдзэ хужьхэр къыщӏоплъ.

Ар сурэт тхауэ Жангуащэщ, –

Псоми псэм хуэдэу ялъагъу;

Ар тхьэӏухуду дэгъуащэщ,

И джийм ежэх псыр уолъагъу.

Мазэщӏэ ныкъуэу набдзитӏыр

Къурашэу нызэпэщылъщ.

Ӏэдийуэ и щхьэц фӏыцӏитӏыр

Лъэдакъэм теуэу нытелъщ.

И нэкӏур дыхьэрэныплъщи,

Уеплъамэ, нурыр кърех;

Псэлъамэ, бзэ ӏэфӏ ӏурылъщи,

Плъэмыкӏыу уи гур дехьэх.

И ӏэпэм дыщэр къыпощыр,

Зэӏусэм псэ хилъхьэ пфӏощӏ,

Къохъуапсэ жылэр а пщащэм,

Тхьэм насып натӏэ ар ищӏ.