Нэщэнэ

«Нобэ махуэм сыт уэ тыгъэу

Уи хэку дахэм хуэпщӏыфар?

Гъащӏэр гъэгъэн папщӏэ лӏыгъэу

Сыт уэ щӏалэм зепхьэфар?»

Ар нэщэнэ сэ схуэхъуащи,

Си щхьэм щэхуу соупщӏыж.

Зы пщыхьэщхьи сигу мыгъуащэу,

Мыр жэуапу къызетыж:

«Гуащӏэу уиӏэм ущысхьакъым, –

Аращ, тӏасэ, тыгъэ хъужыр!

Хэку емыкӏу уи унэ пхьакъым, –

Аращ лӏыгъэм нэхъ ящхьэжыр!»

Сигу зэгъауэ, сыпсэхуауэ,

Нобэм жану сыхоплъэж.

Пщэдей гуэрым хуэгъэпсауэ,

Си пкъыр мафӏэу зэщӏонэж.