Сыт къыплъыса?

Аддэ нэхъ пасэу ди къуажэм Хьэтӏэфрэ Хьэтӏэхъурэ жери зэкъуэш къулейсызитӏ дэсащ. Тӏури зэхэст. Хьэтӏэф гъащӏэ и пӏалъэ нэхъ ищӏэрт, ауэ Хьэтӏэхъу зы зыӏурамылъхьэж гуэрт.

Хьэтӏэф нэхъыжьти, фыз къишащ. Ауэ Хьэтӏэхъу дэнэ кӏуэнт? Щхьэегъэзыпӏэншэти, и къуэш нэхъыжьым къыбгъэдэнащ. Ар Хьэтӏэф и фызым къытехьэлъэ хъуащ.

– Афӏэкӏа схуэхьыжынукъым, Хьэтӏэф: е Хьэтӏэхъу къыхэх, е сэ сыкъыхэх, – жиӏащ фызым, зэгуэр къыщилъэфыпэри. – Дызэдэбгъэпсэунумэ, езым хуэдэ зыгуэр къегъаши уи къуэшыр зыхэгъэкӏ.

Хьэтӏэф сыт ищӏэжынт? Хьэтӏэхъу «езым хуэдэ зыгуэр» къригъашэри зыхигъэкӏащ. Махуэ гуэрым, унагъуэщӏэу тӏыса Хьэтӏэхъу и дамащхьэм нартыху пут трилъхьэри щхьэлым кӏуащ.

– Уи ӏуэху дауэ щыт, Хьэтӏэхъу? – къеупщӏащ абы щхьэлтет лӏыжьыр.

– Алыхьым узэрелъэӏунщ: фыз къасшэри Хьэтӏэфрэ сэрэ дызэхэкӏауэ сотхъэж! – жиӏащ Хьэтӏэхъу.

– Нтӏэ, сыт къыплъыса, тӏу? – щӏэупщӏащ лӏыжьыр аргуэру.

– Хьэтӏэф и фызыр Хьэтӏэф лъысыжащ, сэ си фызыр сэ къыслъысыжащ! – гуфӏэжу жэуап итыжащ Хьэтӏэхъу.