Гуащэм и гъыбзэ

Сэ си жьы хъугъуэм, сыщхьэмыгъуэжьти,

Си нысэ ябгэм сыхыфӏидзакъэ.

И гурылъ ӏейхэм ер я ӏэужьти,

Кӏэзонэ унэм сыкъыщӏидзакъэ.

Нобэ нахуапӏэу сэ згъэв бэлыхьыр

Пщӏыхьу слъэгъуамэ, си гур къэчэнти.

Гугъапӏэу сиӏэр закъуэ Алыхьырщ,

Ар сщыгъупщамэ, делэ сыхъунти.

Хьэ банэ макъыр жэщкӏэ къэӏуамэ,

Къуажэм сыщыӏэу сэ шэч сегъэщӏыр.

Зыгуэр сэ си бжэм къытеуӏуамэ,

Къуэм сишэжыну къэкӏуа къысфӏощӏыр.

Жэщкӏэрэ кӏасэу сыгъуэлъыжами,

Сэ шыгъушыпсыпӏэм нэху сыкъыщокӏыр.

Жейм ситхьэлапэу сыӏурихами,

Сыӏуэщхъу-бзэщхъуурэ сэ сыхоскӏыкӏыр.

Пщӏыхьу къуэрылъхухэр къызоӏущащэ:

«Ди нанэ», – жаӏэу, къызодэхащӏэ.

Ауэ я анэр къысхуейкъым гуащэу.

Сэ хьарып гуащэм щӏокӏыр си гуащӏэр,

Псэм дэлъ бампӏэшхуэм акъмыкъ сищӏакӏэщ;

Си закъуэ хъуамэ, сыщхьэхуэпсалъэщ.

Дыгъэ нэбзийри къыстеункӏыфӏащи,

Ажал мыгъуэжьым набгъэу сыпоплъэ.

Дунейм тыншыпӏэ щызимыӏэжу,

Кӏэзонэ унэм сэ сыщӏокӏуадэ.

Гъащӏэм и ӏэфӏи зыхэзмыщӏэжу,

Гъыбзэ къызошыр, нэпсыр щӏэлъадэу.

Мывэ хъурейри уяпэкӏэ бгъажэм,

Гува-щӏэхами уӏущӏэжынкъэ –

Си нысэ ябгэм нысэ къыхуашэм,

Къызипэсахэм хущӏегъуэжынкъэ.