Псэууэ сыкъызэрелам папщӏэ тхьэлъэӏу схуэщӏыж!

Былымым мэкъу яриту Хъуэжэ ӏуэм итт. А сыхьэтым жыжьэу фочауэ макъ къыщыӏуащ. А махуэм Хъуэжэ и пыӏэр и фызым ижьыщӏри игъэгъущыжыну бжыхьыпэм фӏидзауэ фӏэлъти, шэ цӏывар абы къытехуэри пыӏэ купсэр пхихащ.

Ар щилъагъум, псынщӏэу Хъуэжэ унэм щӏэлъэдэжри и фызым жыриӏащ:

– Фызабэу укъэнэным зы тӏэкӏунитӏэщ иӏэжар, псэууэ сыкъызэрынам щхьэкӏэ псынщӏэу тхьэлъэӏу схуэщӏыж!

– Ана-а, сыт мыгъуэр къэухъу? – жиӏэри и нэр нэпсым къызэпижыхьауэ фызыр къыпежьащ.

Иужькӏэ щӏыбым къыщӏишри, шэм пхиха и пыӏэ купсэр Хъуэжэ абы иригъэлъэгъуащ:

– А сыхьэтым мы пыӏэр сэ сщхьэрыгъауэ щытатэм шэм си щхьэр фӏихатэкъэ? – жиӏэри.