Адыгэ мифологием и энциклопедие | М.И. Мижаев, М.М. Паштова, 2012

Мыжей М.И., Пащты М.М.

Адыгэ мифологием и энциклопедие. – Мейкъуапэ: «ИП Паштов З.В.», 2012. – 460 н.

ISBN 978-5-904746-11-7

Энциклопедием щызэхуэхьэсащ пасэрей адыгэ дуней еплъыкӏэм – тхьэхэм, нартхэм, дауэдапщэхэм, фӏэщхъуныгъэхэм – теухуащӏэныгъэр. Тхылъу къыдэкӏа, архивхэм хэлъ, ӏуэрыӏуатэ-этнографие щӏэнзекӏуэхэм щаугъуеижа материалхэм япкъ иткӏэ лъэпкъым и дуней гурыӏуэкӏэ хабзэхэр энциклопедием зэфӏегъэувэж, адыгэр зэрыта динхэм елъытауэ персонаж, мотив, мифологемэ нэхъыщхьэхэм зэрызаужьа, зэрызахъуэжа щӏыкӏэм гу лъыуегъатэ.

Тхылъыр мифологием, ӏуэрыӏуатэм, этнологием, тхыдэм яужь ит щӏэныгъэрылажьэхэм, аспирантхэм, студентхэм, пасэрей лъэпкъ культурэр зыфӏэгъэщӏэгъуэн псоми яхуэгъэзащ.