Губгъуэм ит тхьэрыкъуэ

Уей, уей, уей. Губгъуэм ит тхьэрыкъуэ пэтрэ,

Атӏэ гущэ, и щхьэм зыхуегъафӏэмэ,

Сэ сыгъэфӏэныншэрэ сызеиншэ къабзэу

Уэркӏэ сыкъэнэну пӏэрэ, тӏэ?

Уей, уей, уей. Мы си пшынэ фӏыцӏэри,

Уи цӏэр къикӏыу сэ согъэубзэрабзэрэ.

Уи бзэм и ӏэфӏагъымрэ уи нэм я дахагъымрэ

Си псэр дахьэхащ, си тӏасэ, уей.

Уей, уей, уей. Си данэ бэлътокум, жи,

Дыщэ лыду уи цӏэр ныхызодэрэ.

Фи деж сыкъамыдэрэ ди деж уамыдэхэ щхьэкӏэ,

Уэ сыкъыумыгъанэ, си псэ, уей.

Уей, уей, уей. Уэгум ит тхьэрыкъуэ пэтрэ

Лъагъуныгъэр и гум къыполъэлърэ,

Уи гум сыкъыщӏитхъырэ си псэм ущӏилъэфу.

Дызэпумыгъэкӏыт, дахэ, уей!

Уей, уей, уей. Мывэр си пӏэщхьагъми,

Атӏэ гущэ, пшахъуэр си уэншэкуми,

Зы тепӏэн димыӏэурэ мывэ уэшх къешхауэ щытми,

Губгъуэм сыбдисынущ, си псэ, уей.

Уей, уей, уей. Дыдей укъамыдэ щхьэкӏэ,

Си тхьэрыкъуэр, уэ умыгузавэ,

Ди къэралыр инщи, дэнкӏи екӏуэлӏапӏэщ, си псэ,

Псори ди унагъуэм хуэдэщ, уей.