Сыт абы жесӏэнур?

Сыхуэзэхукӏэ мащӏэу зыспыӏуедз,

Хъуэрыбзэшхуэр щӏалэм сэ къызедз.

Сымыдахэу жеӏэ,

Сымыдэгъуэу жеӏэ,

Сыфэрыщӏу жеӏэ, уей!

Итӏани скӏэрыкӏкъым Аслъэн,

Си ужьым икӏыркъым Аслъэн.

Сыт абы жесӏэнур?

Сыт жэуап естынур?

Дауэ сыфӏэкӏыну, уей!

Си сурэтыр щэхуу зэпеплъыхь.

Щӏалэр куэдрэ сэ къыстопсэлъыхь,

Уэ унащхъуэщ жеӏэ,

Уэ улъахъшэщ жеӏэ,

Уэ угъурщ къызжеӏэ, уей.

Къысӏуплъамэ, и щхьэр ирехьэкӏ,

Къысхуэхъущӏэу абы сыщӏегъэкӏ.

Сыпэтӏейуэ жеӏэ,

Сыуэгуӏейуэ жеӏэ,

Сыхуэӏейуэ жеӏэ, уей!