Сыт хувиӏуэхур?

Хьэмзэт сабий бынунагъуэшхуэт. Абы щхьэкӏэ, увыӏэгъуэ имыӏэу, и къуажэгъухэр къехъурджауэрт: «Уа, Хьэмзэт, мы уи бын къомым ебгъэшхыр дэнэ къыздипхыр?» – жаӏэурэ. Ауэ, абы дэгу зищӏурэ, зыкъомрэ зишыӏащ. Итӏанэ зэгуэр къыщилъэфыпэри:

– Уа, сыт фэ къомым абы хувиӏуэхур? Алыхь дает, Хьэмзэт берет! – жиӏащ абы. – Хъуакӏэр къызыпылъэлъ а фэ фи бзэгу фызэмызэгъыжхэм я зэранкӏэ си фызым лъхуэн сфӏыщигъэтыжащ.

Хьэмзэт и фызым лъхуэн щыщигъэтыжам къуибгъурэ пхъуиплӏрэ иӏэт.