Зекӏуэкӏэ

Дэтхэнэ цӏыхуми езым и зекӏуэкӏэ иӏэжщ. Апхуэдэщ Мурат лӏыжьри, игъащӏэ псом абы и щхьэр егухарэ еплъыхыу къекӏухь.

Зэгуэрым Мурат уэрамым дэту ехыу я къуажэ зы щӏалэ кӏуэцӏрыкъуэжь къеупщӏащ:

– Уа, Мурат, сыт уэ мыпхуэдизу ухэплъэу къыщӏэпкӏухьыр? – жиӏэри.

– Гъеишхуэр щыщыӏа гъэм ди адэшхуэм фӏэкӏуэдауэ щыта гъуаплъэ сомыжьым солъыхъуэри аращ! – жиӏэщ ауан хэлъуи, лӏыжьыр ежьэжащ.