Унагъуэ угъурсыз

А зэманым Бжэныхъуэ Хьудин нэхъ унагъуэ къулей ди къуажэ псом дэмысауэ жаӏэж. Ауэ ар апхуэдизкӏэ хьэсыти, жаӏэ, щӏымахуэм уэс щхьэкӏэ уелъэӏуамэ, къыуитынукъым.

Зэгуэрым Хьудин и ныбжьэгъум, ефэешхэ иӏэти, иригъэблэгъащ. Ӏэнэм щыс псоми бжьэ зырыз кърагъэхьу щилъагъум, абы и фэр, шэхум хуэдэу, пыкӏащ. Арщхьэкӏэ сыт ищӏэжынт? Ӏэмалыншагъэм ирихулӏэри езыми, къыпипӏытӏыкӏыпэурэ, зы бжьэ къригъэхьащ.

Абы иужькӏэ Хьудин и ныбжьэгъум дежкӏэ блэкӏыху:

– Е-е-ехь!.. Сэ мы унагъуэ угъурсызым зэгуэр сыщӏэунэхъухьауэ щытагъэнти! – жиӏэурэ дунейм ехыжащ.