Инарыкъуей мафӏэсым и уэрэд

Уэзырхэ Нахъуэм, уо, хьэщӏэ къыхуокӏуэ, уо!

Хьэутий нокӏуэр, уо, шыхэр щӏетӏыкӏкъэ, уо!

Ибг щӏэтӏыкӏауэ, уо, Елдар мэпщафӏэ, уо!

Фадэ нэхъыфӏхэр, уо, Борэ къахуехь!

Щоджэн Елмырзэр уи ныбжьэгъу гупсэщ,

Нышыр къахуихьри, уо, Жэрэ къэсащ, уо!

Дыщэ ӏэлъынр, уо, дэпым егъэлъейри, уо!

Улъэрэ-улъейуэ, уо, Хьэжмуд къэсащи, уо!

Тумэ Хьэтӏытӏэр, уо, уи зэхэзежэщ, уо!

Хьэжмуд дэжыхукӏэ, уо, аркъэхьэ макӏуэ, уо!

Ныбэжь Бэчырым, уо, ахъшэ кърех,

Абдж нэщӏ къыдехри, уо, Алий къыдокӏыр, уо!

Уэзырхэ пщӏантӏэм, уо, сэмэвар щагъэув, уо!

Фызыжь увахэр, уо, джабэм йожэкӏыр, уо!

Тумэ Хьэжбийри, уо, уи цӏырыхъущӏэщ, уо!

Сэмэвар ӏэрыщӏыр, уо, щыблэм екъутэ, уо!

Тумэ Тӏатӏымыр, уо, зэрынэзакъуэ,

Нахъуэ и закъуэ, уо, щэ дигъэсащ, уо!

Шэрий Къасымыр, уо, сабырщӏэгъейщ, уо!

Уэзырхэ дгъейуэрэ, уо, жылэр тфӏисащ, уо!

Мэкъуо Жамботыр, уо, уи фӏыцӏагъэшхуэщ, уо!

Шэрий хьэблэшхуэр, уо, фӏыцӏагъэм щӏащтэ, уо!

Шэрий Ӏэуесыр, уо, зэрыхуэӏушэ, уо!

Ислъэмей шухэр, уо, къызэрохьэхыр, уо!

Мэкъуо Жэмботыр, уо, уи лӏы мылажьэщ, уо!

Сытхэр ди лажьэу, уо, дыкъебгъэсэкӏрэ, уо!

Мэкъуо Хьэмашэр, уо, уи молэ нэпцӏщ, уо!

Къумыкъу тхьэгъэпцӏым, уо, дигъэунэхъуащ, уо!

Тумэ Бэрокъуэм, уо, пхъэхэр къефыщӏ, уо!

Хьэблэ фызыжьхэм, уо, зогъэфыщӏыж, уо!

Шэрий Тӏырыгур, уо, хъыдан бгырыпхщ, уо!

Фызыжь бгырыпххэр, уо, мафӏэм хисхьащ, уо!

Дзыгъурхэ витӏыр, уо, бэкхъым къыщожьэ, уо!

Шыл гъэжьа фшхынум, уо, Уэзырхэ фыкӏуэ, уо!

Пщыншэхэ Шокуэр, уо, дамыгъэтедзэщ, уо!

Мафӏэм зытеддзэурэ, уо, тӏэщӏэлъэтащ!

Шогуэ ефэндыжьым, уо, хьэжыгъэр къешэч, уо!

Дэ тхуэмышэчыр, уо, Уэзырхэ Нахъуэщ, уо!

Уэзырхэ Нахъуэр, уо, дыжьын къамэшхуэщ,

Уи адэшхуэм и хабзэри, уо, къэбублэжащ, уо!

Хьэткъут зэшитӏыр, уо, уи фызкъэмышэщ, уо!

Ямышэжыныр, уо, Хьэсибат къыхукӏуэ, уо!

Шогуэ ефэндыжьыр, уо, шэрихьэт мыщӏэщ, уо!

Къуажэкӏэм ямыщӏэурэ, уо, мафӏэр нэсащ, уо!

Ныбэжь Къасботыр, уо, ди къуажэ гъуощ, уо!

Хьэблэ фызыжьхэм, уо, гъуэгыу къажыхь, уо!

Шэрий Даутыр, уо, уи пцӏыӏуэпцӏышэщ, уо!

Инаркъуей унэхэр, уо, зэрагъэпцӏыж, уо!

Шогуэ ефэндыжьыр, уо, чытапым йоплъэ, уо!

Алыхьым еплъыр, уо, Уэзырхэ феуэ, уо!