Жануэс зэрыкӏуэсар
Нанурэ Жануэсрэ жари ди къуажэм зы щӏалэрэ зы хъыджэбзрэ фӏыуэ зэрылъагъуу дэст. А тӏур зэрызэпылърэ ӏэджэ щӏат. Ауэ зэрышэу зы унагъуэу тӏысыжыну ӏэмал ягъуэтыртэкъым. Жануэс и адэ-анэм зратынур нэгъуэщӏ щӏалэт.
– Жануэс, си псэм хуэдэ! Къуажэ псом дэр фӏэкӏа ӏуэху яӏэжкъым, кхъыӏэ, мыпхуэдиз бэлыхьым дыхыумыгъэту къыздэкӏуаси ежьэж! – жиӏэри зэгуэр Нану хъыджэбзым елъэӏуащ.
– Содэ, тхьэ, – арэзы хъуащ хъыджэбзыр.
Етӏуанэ пщыхьэщхьэм щӏалэм Жануэс шыгум иригъэтӏысхьэщ, шыжьэрыутӏыпщу къуажэ уэрамым къыдэлъадэри, ищхъэрэкӏэ иригъэзыхащ. Хъыджэбзым кӏийуэ щӏидзащ.
– Уэуэур си махуэщ!.. Уэ сахь мыгъуэ!.. Залымыгъэкӏэ сахь!
Къыздихуари къыздикӏари ямыщӏэу къуажэм дэс милицэр шууэ шыгум къыпэуващ:
– Къэувыӏэ!
– Кхъыӏэ, щӏалэфӏ, ди ӏуэху къызумыхуэ!.. Сэ сфӏэфӏыпсу мыбы сыдокӏуасэ! – Жануэс милицэм елъэӏуащ.
– Нтӏэ, емынэм щхьэкӏэ зыпчэтхъэжу укӏийрэ? – щӏэупщӏащ милицэр.
– Залымыгъэкӏэ сахьауэ къуажэм ятезгъэӏуэнущи аращ, – къыпыгуфӏыкӏащ хъыджэбзыр.