Гушыӏэ уэрэд

Джэдыр кӏэцӏым, джэдэщым уожэ,

Къикӏэцӏари уи закъуэ уошх,

Дэ абыкӏэ уна дыхъункъым.

Уэлэхьи, уизгъэкӏыжынум!

Джэд щыкӏэцӏу джэдэщ димыӏэ,

Ар щыкъакъэм щымыкӏэцӏыххэ,

Къикӏэцӏар пабжьэм хокӏуадэ,

Дэ абыкӏэ уна дыхъункъым!

Жэм шыгъуэм уи ӏэпэр шынщи,

Шатэ шхыгъуэм уджэдуужьщ,

Дэ абыкӏэ уна дыхъункъым,

Уэлэхьи, уизгъэкӏыжынум!

Мэкъуауэгъуэм ууэршэракӏуэщ,

Мэкъу шэжыгъуэм уефакӏуэжьщ.

Сыщӏэтӏысхьэм шэ къызимытмэ,

Дэ абыкӏэ уна дыхъункъым!

Бжьын щӏэгъуэм уӏэпэзадэщ,

Бжьын шхыгъуэм ужумэрэнщ.

Дэ абыкӏэ уна дыхъункъым,

Уэлэхьи, уизгъэкӏыжынум!

Зы илъэсым зэ мэз умыкӏуэ,

Зы бжыхь напи хадэм щумыху,

Щӏы сатейм бжьын зэрытезмыщӏэр

Ара хъунщ уи гум темыхуэр!

Джэд хъугъуэм уи нэр буфӏыцӏу,

Джэд шхыгъуэм убажэ щэхуу,

Дэ абыкӏэ уна дыхъункъым,

Уэлэхьи, уизгъэкӏыжынум!

Уи пыӏэжьыр щыгум щолажьэ,

Ущылажьэм фызым упабж.

Укъэкӏуэжым джэдыкӏэр уобжыр,

Алыхь лъэщ, сыпхуимысын-тӏэ!